-
1 пэнцIыв
кончик носа/ Пэм и кIапэ дыдэ, и папцIапIэ.* И пэнцIывым пыс нэгъуджэм Нэ хъыжьитI къыкъуоплъ... Къэб. п. и ант.ПэнцIывкIэ щIегъэсэн дать по шее кому-л. -
2 пэ
1. нос/ Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэу зэрыпамэу икIи зэрыбауэу цIыхум и напэм, нэгъуэщI псэущхьэхэми я нэкIум хэтыр.Пэ кIыхь.2. клюв/ Къуалэбзухэм, джэдкъазхэм я жьэр щиухым пыт къупщхьэхэр.Къазыпэ. Бзуупэ.* Уащхуэм еджэу джэдыр кIуийуэ Дыдым хуэдэу и пэр хеIу. Б. Ф.3. передняя носовая часть чего-л./ Зыгуэрым и къыщIэдзапIэ Iыхьэ.Кхъуафэжьейм и пэ.* Нил щхьэ фэкъур пэкIэ ибзуэ Кхъухь ин гуэрым дретхъуей. КIу. Б.4. кончик, острие/ КIапэ, папцIапIэ.* БжэIупэм зы чы къурагъ ин гуэрым и пэм хъуржыныр пипхэри Хъуэжэ хитIащ, зыдэкIуэм нэсу къэсыжыху илъагъун хуэдэу. Къэб. фольк.5. в знач. предлога с род. пад. впереди кого-чего-л./ Зыгуэрыр уи ужьу, уи кIэ иту.И пэ илъэдэн. И пэ иту кIуэн.6. начало чего-л./ КъегъэжьапIэ, къыщIэдзапIэ.* И пэр умыщIэу и кIэр пщIэркъым. (погов.) Фэ фи хасэм си къыхыхьэ и пэр хъуэхъуу, и кIэр хъуанэу.. тхьэм имыщIкIэ. Нарт.И пэ лъы ивэжауэ балбес.* Уахьмакъыу, уи пэ лъы ивэжауэ дунейм утетмэ, абы {Нурхьэлий} къыщыщIам гу лъыптэн? Iуащхь. ПэкIэ къешэкIын водить кого-л. за нос.* - Сэ пэкIэ сыкъевмышэкIыу си бохъшэр къысхуэвгъуэтыж! - жеIэ Тыкъыр. Щ. Т. ПэкIэ псы ефэн быть глупцом (букв. пить носом воду).* Пэжщ, Нурхьэлий абы хуэдиз бзаджагъэ хэлъкъым, ауэ пэкIэ псы ефэркъым. КI. А. ПэкIэ {пэнцIывкIэ} щIегъэфэн (щIегъэсэн, щIегъэхуэн) = пэкIэ щIыр егъэвэн. ПэкIэ щIыр егъэвэн заставить кого-л. пропахать землю носом.* Щыгъэт, Астемыр, пэкIэ щIыр уэзмыгъавэмэ, си тхьэрыIуэщ. Iуащхь. И пэм изэрыхьын случайно оказаться перед кем-л. (о животных, о человеке). Пэм ипкуэным хуэдэу щабэ необычно мягкий. И пэм кърихун исходить от кого-л. (напр. о слухе).* Псом ящхьэр зи пэ кърихур Бэхъукъуэмрэ Алыджэмрэ я гупырщ. КI. Т. {И} пэм (и пащхьэм) къизэрыхьын = и пэм изэрыхьын. {И} пэм лъы къихун разбить кому-л. нос до крови. Пэм мафIэ бзий кърихун метать искры. Пэр дэгъэзеин задирать нос. Пэр дэкъеин = пэр дэгъэзеин. Пэр дэлъэфеин 1) шмыгать носом 2) переносное напускать на себя жалкий вид. Пэр зэкIуэцIынэн заложить - о носе. И пэр иджыри хуэлъэщIыжыркъым нос не дорос. Пэр икъэн = пэр дэгъэзеин. И пэр имылъагъужыху (ефэн) напиться до положения риз. Пэр кудэн ударять в нос (о резком, неприятном запахе). Пэр къижын течь - о соплях. Пэр къилъэфын сморкаться. И пэр къыпыхун повесить нос.* КъыщIыхьар кIуэри и щхьэр егухауэ, и пэр къыпыхуауэ стIол кIапэм деж тIысащ, фIэхъуси сэлами щымыIэу. Къ. Хь. Си пэр позгъэупщIынщ клянусь! (букв. дам свой нос отрезать, если..).* {Долэт:} - Къэрал пхъуантэм} щхъухь ирамыхьамэ си пэр позгъэупщIынщ. Iуащхь. Пэр хэIун совать ( свой) нос куда-л. И пэр хуэлъэщIын утереть нос кому-л.* Абы и пэр хуэлъэщIын хуейщ, армыхъумэ тIэкIу зыкъыфIэщIыж хъуащ. Къэб. И пэр щIивэн споткнуться; потерпеть неудачу.* Хэт и фIэщ хъунт а къэхъуар къэхъуну, хэт и гугъэнт Долэт лъэпэрапэу и пэр щIивэну. КI. А. Пэр щIым хущыхуэн показать, где раки зимуют (букв. тереть нос о землю).* ПхуэзгъэпцIащ, а уи пэр щIым пхущызмыхуэмэ, щыгъэт, уи мыIуэхуми уи бэлагъ хыумыIу. Iуащхь. {И} пэр щIым щыхъуэн = пэр щIым хущыхуэн.пэ вей засохшие сопли/ Пэшын Iув, пэшын гъуа.пэ гъуанэ ноздри/ Пэм иIэ гъуанэ щыбауэкIэ жьы эрыкIуэр.пэ кIуэцI внутренность, полость носа/ Пэм и кум щыIэхэр, и кIуэцIым итхэр.Пэ кIуэцIыр къихун.пэ тIей курносый/ И щхьэмкIэ худэкъея пэ, пэтIинэ.пэ Iушэ кривоносый/ Зи пэр мызахуэ, лъэныкъуэкIэ ешэкIа.